Челускин (къуапэ)
Челускин (урбз. Мыс Челюскина) — Таймыр ныкъуэтӀыгум и кӀэух къуапэ, Еуразиэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэ.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Япэу къуапэм тепсэлъыхьыу къазытхар етӀуанэ Камчаткэ экспедициэм хэта С. И. Челускинщ, 1742 гъэм щыгъуэ. А тепсэлъыхьыгъуэр къыщыхэгъщащ абы иужкӀэ итхыжа тхыгъэм. 1842 гъэм щыгъуэ а Ӏухыгъуэр илъэс 100 щрикъум, Урысей хэкумэтх зэхуэсым къуапэм и цӀэ КъуэкӀыпӀэ-Ишхъэрэр ЧелускинкӀэ яхъуэжащ.
1932 гъэм, Арктикэ институтым хэту къуапэм деж полар станциэ тращӀыхьащ.
Иджырей зэманым а станциэм и ныкъуэ Ӏыхьэр иджыри мэлажьэр, абы иджыри ишхъэрэ щӀыпӀэхэр зэзыгъэцӀыху персоналыр щолажьэр.
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуапэр Таймыр ныкъуэтӀыгум и ишхъэрэ дыдэ пӀэм деж щылъщ. Абы и Ӏуфэр елъэс Вилицки Ӏузэвым. Къуапэм деж псы Ӏулъым и кууагъыр 10 метрэм нос. Ӏуфэр джабэ гуэхупӀу щытщ. КъухьээпӀэмкӀэ къуапэм къыбгъуэдохьэр хылъэ Спартак.
Къуапэм деж щыӀэ климатыр — арктикэу щытщ. Абы къыхэкӀыуи Ӏейуэ щӀыӀэу гъэмахуэм щытщ. Апхуэдэу гъэмахуэм и нэхъ хуабэ махуэхэм температурэр -0.1° е -0.9°C нэхъыщхьэ дэкӀуейкъым. ЩӀымахуэм температурэр -40°...-50°С нэс йох. Уэсыншэ зэман къуапэм щыӀыхэкъым. Дэтхэнэ махуэми, ар гъэмахуэ махуэ хъуами, уэс къесыну щытщ. ЩӀымахуэр кӀыхьрэ лъэрызехьэщ, ар мазэ 11-м нэс йокӀуэкӀ.
ФщӀэрэ фэ?
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуапэм пэмыжыжу, континентал Еуразиэм и нэхъ ишхъэрэ дыдэ аэродромыр щылъщ.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | код��р зэгъэзэхуэжын]- Магидович В. И., Магидович И. П. Очерки по истории географических открытий. Т. 3 М., 1984 гъэ. 122-нэ напэ (урыс.)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Красноярск щӀыгум теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Континентхэм я кӀэух къуапэхэр |
||
---|---|---|
Африкэм и кӀэух къуапэхэр | Рас-Бен-Саккэ • Рас-Хьафун • Агулас • Алмади | |
Аустралиэм и кӀэух къуапэхэр | Йорк • Байрон • Сауф-Поинт • Стип-Поинт | |
Еуразиэм и кӀэух къуапэхэр | Челускин • Дежнев • Пиай • Рока | |
Ипшэ Америкэм и кӀэух къуапэхэр | Галинас • Сейшас • Фроуард • Париниас | |
Ишхъэрэ Америкэм и кӀэух къуапэхэр | Мерчисон • Сент-Чарлз • Мариатэ • Уелс-Принц |