Къэргъей
Къэргъей | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Falco peregrinus Tunstall, 1771 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здэгъуэлъхэр щӀымахуэр здахьыр илъэспсом ӀэпхъуэжыпӀэхэр | ||||||||||||||||
|


Къэргъе́й (лат-бз. Falco peregrinus) — щакӀуэ бзу. И цӀэджэгъу лъэпкъым щыщщ.
ТхыцӀэр щхъуэ-гъуабжафэщ теплъэ зэхуэмыдэхэр къащтэу, щӀыхуфэ кусэхэр хэгъэтӀысхьауэ. Къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, гъуафэ е гъуэжьыфэ кусэхэр зэпырыкӀыу. НэщӀащэ щӀагъыр жьэгъум хуэкӀуэжу фӀыцӀэщ. КӀэ бзийхэр фӀыцӀэ-гъуабжэщ, кусэхэр зэпырыкӀыу хэлъу. Ныбэ щӀагъым нэхъ хужьыфэ къыщӀоуэ. Бгъэмрэ хулъащхьэмрэ ӀэпапӀэ хуэкӀыхьхэр хыболъагъуэ. Анэм и тхыцӀэр нэхъ фагъуэщ, ауэ ныбэ щӀагъыр нэхъ кусэу зэхэпхъащ.
Мы къэргъей лӀэужьыгъуэр, Къаукъазым къинэмыщӀауэ, щӀыпӀэ бжыгъэ дыдэм щопсэу. Нэхъыбэу къаущэкӀу лъэтауэ ялъагъу къуалэбзухэр. Абы папщӀэ и щэкӀуапӀэр мэз лъапэ, губгъуэ, псыхъуэхэращ.
Абгъуэ щещӀ абыхэм я гъунэгъу къырхэм, мэзхэм деж щӀылъэм, уеблэмэ унащхьэхэм.
ИщхьэрэмкӀэ щыӀэхэр мэлъэтэж, Къаукъазым хуэдэ щӀыпӀэхэми щӀымахуэми Ӏэпхъуэурэ щопсэу
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.