КъуацэщӀэж
КъуацэщӀэж | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Anthus trivialis Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|
КъуацэщӀэж, чыцэщӀэж е чыцэхэс (лат-бз. Anthus trivialis) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Унэбзум хуэдизщ, ауэ нэхъ зэкӀужщ. Пэ папцӀэщ, лъакъуэ псыгъуэщ, жэным тегъэпсыхьауэ. ТхыцӀэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ, кусэ ӀэпапӀэ кӀыхьхэр ирехыу хэлъу. Ныбэ щӀагъыр улъия-гъуэжьыфэщ, и бгъэмрэ хулъащхьэмрэ ӀэпапӀэ гъуабжэ фӀыцӀэхэр хэсу. МащӀэу дэха кӀэ нэзыр хужьщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КъуацэщӀэжыр щопсэу Азиэм, Сыбырым. Къаукъазым къызэрыкӀуэ къуалэбзущ, мэлъэтэж. Абгъуэ щӀыгъуэм щыплъагъунущ тафэ мэзхэм къыщыщӀэдзауэ къущхьэхъум нэс, мэз лъапэ гъурц зэщӀэкӀахэм, псыхъуэхэм, паркхэм. Хуабжьу сакъщ. МэкъупӀэщӀыпӀэ удз Ӏув щӀагъым къыщижыхьурэ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусым и нэхъыбэр дыгъафӀэхэм, мэзыр здэпӀащӀэхэм къыщеубыд: цӀыв, абы и хупсхэр, щыгъыныхь, хьэндырабгъуэ, бадзэ, бэдж, гъатхэмрэ бжыхьэмрэ — къэкӀыгъэ жылэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.